Сыхьэт зонэ псалъэм гурыӀуэгъуитӀ иӀэщ.
- Хэкумэтх сыхьэт зонэ — дунейм и щӀылъэм меридиан тралъхьахэмкӀэ къыхэкӀыу зэтраухуа зонэхэ.
- Админстративнэ сыхьэт зонэ — щӀым и Ӏыхьэ къыхэгъэщхьэхукӀа, къэрал здыхэтым и унафэхэм елъытауэ зэтраухуа зонэхэ.
И нэхъыбапӀэм административнэ сыхьэт зонэращ нэхъ хэгъэхукӀауэ ябжыр. Иджы зэманыр зэтраухуэ Дунейпсэ координированэ зэманым (UTC) къагъэсэбэпу. Иныкъуэ къэралхэм гъэмахуэм я сыхьэтхэр зы сыхьэткӀэ япэ ирагъэшри, щӀымахуэм ирагъэкӀуэтыж мыхьэнэншэу току ямыгъэкӀуэдынхэ щхьа.
Зэрызэхадз щӀыкӀэхэр
Дуней псор меридианхэм къазэрыхэкӀыу 24 сыхьэт зонэкӀэ угуэшахэщ. Зы сыхьэт зонэм уикӀыу адрейм укӀуэм, дакъикъэм и мыхьэнэр къонэ, сыхьэтыращ е зы сыхьэткӀэ хэхъуэр ерэ хэщӀыр. Ауэ къэрал гуэрхэри щыӀащ дакъикъэ 30-кӀэ е 45-кӀэ къащхьэщыкӀхэу.
Ишхъэрэрэ Ипшэрэ полюсхэм меридианхэр зы пӀэм деж щызэхохьэжхэри, а щӀыпӀэхэм сыхьэт зонэхэм я мыхьэнэр щокӀуэд. ЗэралъытэмкӀэ а щӀыпӀэм дунейпсо зэман къыщагъэсэбэпын хуейуэ ябж, ауэ Ипшэ полюсым ит станциэ амундсен-Скоттым ЩӀэ Зелэндым и сыхьэт зонэращ къигъэсэбэпр.
Сыхьэт зонэхэр зэмылӀэужыгъуэ къэралхэм
Зи щӀыпӀэхэр зы сыхьэт зонэм нэхърэ нэхъыбэм ит, къэралхэр:
Къэрал |
Сыхьэт зонэхэр зэрыхъухэ |
UTC-ым и нэхъ гъунэгъур |
UTC-ым нэхъ пэжыжэр |
Гъэмахуэ зэманыр къэзыгъэсэбэп
|
Аустралиэ |
7, гъэмахуэм 8 |
UTC+6:30 |
UTC+11:30 |
И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым
|
АШЗ |
6 |
UTC-5 |
UTC-10 |
И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэп
|
Британиэшхуэ |
8 |
UTC+6 |
UTC−8 |
Къагъэсэбэп
|
Бразилэ |
3 |
UTC−4 |
UTC−2 |
И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым
|
Гренландиэ |
4, гъэмахуэм 3 |
UTC+0 |
UTC-4 |
И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэпыжкъым
|
Даниэ |
5 |
UTC+1 |
UTC-4 |
Къагъэсэбэп
|
Демократикэу Республикэ Конгэ |
2 |
UTC+1 |
UTC+2 |
Зэри къагъэсэбэпакъым
|
Индонезиэ |
3 |
UTC+7 |
UTC+9 |
Зэри къагъэсэбэпакъым
|
Испаниэ |
2 |
UTC+1 |
UTC |
Къагъсэбэп
|
Къазахъстэн |
2 |
UTC+5 |
UTC+6 |
Къагъэсэбэпыжкъым
|
Канадэ |
6 |
UTC−3:30 |
UTC−8 |
И нэхъыбапӀэ щӀыпӀэм къагъэсэбэп
|
Кирибати |
3 |
UTC+12 |
UTC+14 |
Зэри къагъэсэбэпакъым
|
Мексикэ |
3 |
UTC−6 |
UTC−8 |
Къагъэсэбэп
|
Микронезиэ |
2 |
UTC+10 |
UTC+11 |
Зэри къагъэсэбэпакъым
|
Монголэ |
2 |
UTC+7 |
UTC+8 |
Къагъэсэбэпыжкъым
|
Нидерлэндхэр |
2 |
UTC+1 |
UTC-4 |
Къагъэсэбэп
|
ЩӀэ Зелэнд |
2 |
UTC+12 |
UTC+12:45 |
Къагъэсэбэп
|
Урысей |
9 |
UTC+3 |
UTC+12 |
Къагъэсэбэпыжкъым
|
Португалэ |
2 |
UTC |
UTC-1 |
Къагъэсэбэп
|
Фрэндж |
12 |
UTC+12 |
UTC-10 |
Къагъэсэбэп
|
Чили |
2 |
UTC-4 |
UTC-6 |
Къагъэсэбэп
|
Экуадор |
2 |
UTC-5 |
UTC-6 |
Къагъэсэбэп
|
ТехьэпӀэхэр
Гулъытэгъуэхэр